Мэзае мазэм и 21. Адыгэ лъэпкъым и гукъэк1ыж, и щыгъуэ махуэ

Жумы1э зыри, бзагуэ хьэл зыхэлъхьэ
Мыпсалъэу, умыгъэп1ейтейуэ щым.
Уи гукъэк1ыжым нахъутэр ныпщ1эхэлъхьи
Ут1ыпщ а гъатхэм, щ1ихъуматэм лъым.

Щ1ыр гъагъэт, ди Тхьэ, сыту щымыщы1уэу
Утеплъэрэт удз губгъуэм тегъуэлъхьа,
Тхьэмпэ хуэлауэ телъ адыгэ лъэпкъым
Щыхэк1ым и псэ лъабжьэм щ1эгъуэлъхьауэ.

Адыгэ, уэ адыгэ игу пхэлъыхук1э,
Пщыгъупщэ хъункъым къуршым яшэчар,
Фочыуэ макъ зэманым псынщ1эу пхык1ыр,
Псэуам я щэ1у, арыххэу гъыбзэ хъуар!!!

Зыщумыгъэгъупщэ уэ ауз плъыжьыпсхэр,
Абы щыгъуэ уэркъ я маржэ зыдэтар,
Зыщумыгъэгъупщэ зауэ гущ1эгъуншэр,
Уи лъэпкъыр имыгъазэу зыхэтар.

Зыщумыгъэгъупщэ л1ап1э хъуа хы 1уфэр,
К1ий макъыу хы тхьэрыкъуэм къажьдэк1ар,
Къуаргъгъашхэ ящ1ыжа ди адэжь я щ1ыфэр,
Я напэтех ажал хухэзыхар.

Фэ фщымыгъупщэ щ1эбли, къыздэхъуаи
Гукъэк1ыж махуэ, щыгъуэ махуэ дэ тхуэхъуар!
Блэк1ам и дерсхэр игу изымылъхьами
Ябгынэжынщ я гъащ1э к1эрэхъуар!!!

***

Hosted by uCoz