Адыгэм папщ1э...

Уи нап1эр 1эт бгыщхьэм еплъ,
Щхьэхуиту и щ1ыналъэм и къуэ,
Уи гу ин пагэм егъэзэгъ,
Уэ у л1ыхъужьщ, уэ у адыгэщ!

Жыр къамэм хуэдэу уи бгыр 1ыгъ,
Нэгъуэщ1 и щ1ыб ущымыплъыр.
Уи губжьыр хъуами пхуэмы1ыгъ,
Упщтыру псалъэ умыут1ыпщ.

Шынагъэ гъунэм уебэкъуамэ,
Уи гъащ1эр хэлъхьи уи пщ1эр хэх.
И нэзыр мы зэман губжьам
Къыщыпхуритхъэк1э псэхэхым.

Нэхъ лъагэу уафэм дэлъэтеи,
Дуней къэбзагъэр къыщежьам,
Уи хуитыныгъэр щ1ы чэщей,
Вагъуэ дэхагъэр къошэк1ауэ.

***

Hosted by uCoz