Уз

Дэпхуэдэу къыщ1эздзэну, сыт жыс1эну, сщ1эркъым,
Куэды1уэ псалъэу схузэтрихьащ,
А псори зэуэ щ1эуващ тэмакъым,
Зэхыхьэмэ щэ1у сф1охъури аращ.

1ей дыдэщ пэжыр лъэпкъым ф1ок1уэдыпэр
Адыгэ Хабзэр – ди адэжь я бын,
Къыдэк1уэу ф1эщхъуныгъэр мэужьыхыр,
Лъэпкъ уардэ дэ щ1эрыщ1эу дыхъужын.

Уэ, уафэ, ди адэжь ящ1амэ,
Дытеувэну дэ гъуэгу напэтех,
Абы щымысхьыу иратынти къамэм
Я гъащ1и, я унагъуи и бэлыхь.

И напэ Хэку трамыхыным папщ1э
Гъуазэншэ хъуа я быным я быныж.
Ул1эм нэхъыф1щ пшэч нэхъ апхуэдэ гъащ1э,
Ущытеплъэн Тхьэм ф1ыуэ илъэгъуа ди щ1ыжь.

***

Hosted by uCoz