Иужьрей зауэ

Иужьрей зауэ. Тек1уэныгъэ е ук1ып1э,
Е пщыл1ыныгъэ е жэнэт хъуэпсап1э.
Лъэпкъ к1уэдыжам и зауэ к1ыхьым и к1э,
Сэбэп къытхуэхъ абык1э, Алыхь закъуэ!

Дэ гупыр л1ыуэ мы къуршыжьым дыщалъхуащи
Л1ы хуэдэу дэ мыбдежым дыщытынщ.
Игъащ1эм бийм псэук1э дигъэщ1акъым,
Дримыгъэсэну л1эк1и дэ абы тлъэк1ынщ!

Л1эщ1ыгъуэк1эрэ къамэ щытщ къихауэ
Псынэпсри л1эщ1ыгъуэурэ плъыжьыпсщ.
Иужьрей зауэ. Псэк1э дин етауэ
Зызыбжым самп1эм сэшхуэр кърихынщ.

А псор, зэгуэрым дэ щытар дгъэлъап1эу,
А псор, зэман блэк1ам дэ пхырытхар,
Ттырихырт Урысейм и пащтыхь ябгэм,
Ди напэ хъункъым зэи тыриха!

Убых щ1ыналъэ! Адыгэщ1 дэхащэ,
Зэхъуанэм ухэхуэнкъым закъуэу.
Арыххэуи сэлам етхыжми гъащ1эм,
Ди псэ хэк1ами дыкъинэнщ ди лъахэ!

Гупсысэ куэд и1акъым пщы мыщ1алэм,
Пщ1эгъуалэм ещ1опщауэу зричащ,
Гъуэгу теуващи уафэхъуэпск1ым хуэдэу мажэ,
А гъуэгум и к1э хъунури ажалщ.

И ужь убыххэр итщ – тегушхуагъэххэщ,
Я л1ыгъэм и к1эм нэсу ягу етащ.
Иужьрей зауэ. Бийм и щ1ыхь къыхэхуэу
Щытакъым псэр къарум зэрытек1уар.

Псори зэхэтхъуэт. Губжьым и хэщ1ап1э.
Топыуэ макъыр бгы зэхуакум дэтщ.
Щхьэлъагэ гупым я иужьрей зауэр
Урысым дейк1э а сыхьэтым гъэщ1эгъуэнт.

Къыпф1эщ1ырт мыл1эжыныр къахуэк1уауэ
Хэку и хъумак1уэу нэхъ и ужь къинам.
Джэлар увыжырт зэи щ1ым мык1уауэ,
Пагъувырт топым сэшхуэ лъагэу я1этар.

Нэхъ мащ1э хъут, къару ямы1эр халъхьэу,
А зауэм халъхьэхэрт къарууэ къахуэнар.
И хэку и бын дэтхэни и псэр щахьым
Зыт1ущ хамэдзэм хихырт щымыхъуам

Иужьрей зауэ. Щигъэтащ зэрыщ1идзауэ,
Занщ1эпсу; гъатхэ уэшхым хуэдэу ар.
Бгырысхэм щыщи псэууэ зы къэнакъым,
Зэтек1ыжынкъым зэи я нап1э къехуэхар.

Гу псок1э уафэм благъэ хуэмыхъуамэ,
Къэрабгъэу, щхьэщ1эгуауэ къэпсэуам
Къыгуры1уэнкъым, дауэ ущ1эпхъуауэ
Ухэпк1э хъуну зауэм, нат1э хъуам.

Къэхъунури къэщ1энри на1уэ щыхъум,
Къуэк1ынукъым убыхым и дыгъэпс.
Мы дунеишхуэм щ1ып1э бгъуэтыжынкъым
Нэсып здэщы1э, здыщымы1э нэпс.

Л1ыхъужьхэр, ц1эимы1уэурэ л1ыхъужьхэр,
Иужьрейуэ фэ фхузэф1эк1ар,
Хэку итхьэкъуам а зауэ залымыгъэм
Фызэрыщыту, и к1эм нэсу зефтыфащ!

Фэ фи хахуагъэ зык1и пхуэмыбжынум
Фыкъригъэлакъым бий кудыщэ хъуам,
К1уэдащ фи лъэпкъ, хэк1уадэрт банэ гугъум
Зи ныбжьри щьыхьри хэт л1эщы1гъу тхъуам.

Арыххэу ди адыгэ нып удзыфэм
Вагъуэ пщык1ут1 мазэщ1эу зытепхъам,
Ижащ я вагъуэ, илъэтащ убыхым
Уэшхыпсу анэ нэпсыр къыщешхам.

Убыхыр хэк1уэдащ яхуэмыгъэшу,
Хэгъуащэжащ къэхъуам и псы утхъуам,
Иджыри къэс ухэплъэмэ уафэгум
Вагъуэ ижам я лъагъуэ щыболъагъу.

Хутегъэк1ынкъым ар зэман къэк1уэнум,
Пщыгъупщи хъункъым лъэпкъ хэк1уадэжар.
Убыхым и щ1ыр гъагъэуи къэнэнущ
Дэ тщымыгъупщэу дигу илъыхук1э ар!

***

Hosted by uCoz