Ди лъынтхуэм лъыр къыщокъуалъэ...

Ди лъынтхуэм лъыр къыщокъуалъэ,
Гур зэщ1егъанэр абы –
Ар иригъажьуращ къафэр
И щхьэ 1этауэ адыгэм.

Адыгэ пщащэр къытохьэ,
Псы гуащэм хуэдэу йок1уэк1.
Бгырысым ещ1ри щхьэщэ
Щ1асэм бгъурыту къок1уэк1.

Джэгум къекъутэ аузыр,
Фочыуэ макъыр уэрэдщ.
Я щхьэк1эм телъри бгыжьым
Пшэуэ къуэм дагъэлъэлъэнщ!

Дыгъэр лыдыжу уафэгум
Итщ, зыщигъэнщ1ыркъым нэм,
Къафэм долъатэр шэрджэсыр –
Къуршыщхьэ лъагэм и уэркъ!!!

Лъэпкъым дъэхъуа «Уэредадэр»
Гур игъэгуф1эу йолъэт.
Хэкужьу дызэрыпагэр
Тхуэхъумэ уэ ди Алыхь!

***

Hosted by uCoz