Хахуагъм и бжык1э

Л1эщ1ыгъуэк1эрэ лъэпкъым л1ыгъэ хэлъмэ, Шынагъм тек1уэу банэныгъэм хэтмэ, Хуэфащэщ мазэ лъабжьэм щыпсэун, Ирипагэу и щ1ым жьыщхьэ махуэ хъун

Блэк1а зэман и тхыгъэр икъук1э бзаджэщ,
Гукъеуэ, нэщхъеягъуэк1э гъэнщ1ащ.
Зы хъыбарыжь пылъэлъурэ уз бзаджэ
Л1эщ1ыгъуэ тхъуахэм дэ къытхуахэьэсащ.

Ар Темучину зэджэр Чингизхъанк1э,
Дунейм и губгъуэ хабзэр щигъувам,
Ди деж къэк1уат; и гугъэхэр хиъхьак1эт –
Ди къуршхэр и шэнтжьейуэ игъуват.

И дзэшхуэр щытеувэм щ1ыр к1эызырт,
Кавказыр гузэвэгъуэм щ1игъэнат,
Мывэупц1эмк1э и дзит1ыр къамэ жырым
Адыгэм едэпщанэу 1уилъык1ат.

Къыпф1эщ1ырт пхуэмыбжыну ин биидзэр,
Щ1игъанэрт дыгъэр сэшхуэу я1этам.
Псы папщ1эу адыгэщ1ым и аузхэм
Лъыкъуалэр дэмыхуэжу ежэхащ.

Хэкужьыр итхьэкъуауэ хэщэ1ук1ырт,
Хъаныжьым и дзэ 1эдэм дэп1ыт1ат,
Ауэ бгырысхэр хахуэт, я щхьэ ятырт,
Я лъэпкъ и хуитыныгъэ хахыфащ.

Мыбы зы бгыщхьэ къэск1и абрэмывэ
Шу дзапэм и гъуэгущхьэм тек1утат.
А Чингизхъану хэгъщ1эн зымыщ1эм
Абдежым ар зищ1ысыр къыщищ1ащ.

Къыгуры1уащ абдежым а хъан тепщэм,
И гъащ1эр гугъуехьыншэу зыгъэщ1ам,
Адыгэм я къуршыщхьэ жьы щызепщэр
Игъащ1эк1и т1ысып1э хуэмыхъуа.

Абыхэм Яш ирамылъхьами лъахъэ,
Гуп-гупу зэк1элъык1уэхэу щытащ,
Ауэ гухэлъ ящ1ар къэнащ и лъапэм
Къурш лъагэ блыным хуэдэу къэувам.

Дунейм гъуэзэджэ хъауэ ц1ыхуу тетвм
Зы пэж ящ1амэ хъуну къыщ1эк1ынт:
«лъэпкъ ц1ык1уу щытми къытек1уэну теткъым
Хахуагъэ, л1ыгъэ, хабзэк1э абы».

Ар хъунущ хуэбгъэдиз лъэпкъ лъагъуныгъэм,
И лъабжьэм , и къежьап1эм хуи1эгъам.
!эпкълъэпкъым хэту щытмэ Дунейм и псэ
Ар хихыфыну щыткъым сэ гъэплъам.

Пщ1э къыпхуащ1ынур еубзыху гупсысэм,
Уи жьыщхьэ гъащ1эм къибнэфар уи ужь, -
Дэхагъэрэ къэбзагъэ хуахьыр уи ц1эм,
Хьэмэрэ ит и ужьым лъы лъэужь.

Уи 1уэхук1э ФФ1ыр ди гъащ1эм щыбэгъуамэ
Цыхубэм игу бэгъуауэ укъинэнщ.
Уи гъащ1эр к1уэхук1э сыт зэуэпхьэсамэ,
Ар 1ей ирехъуи, Ф1ыми къыпхуинэнщ.

Апхуэдэу и дзэ ф1ыц1эр и1уант1эжри
Чингизхъан жьак1э плъыжьым жи1эгъащ:
«л1ыхъужьым я щ1ым сыщыхъункъым хъыжьэ,
Абы сыщыхыхьам си щ1ыхь к1уэдащ.

Псыкъелъэ къибыргъук1хэм къыщалъхуахэм,
Къуш лъагэмрэ щыхуп1эмрэ я щыгу,
Пэдгъувыфын хьэл-щэнымрэ къэбзагъэр
Дэ, гъащ1эр щык1уэдыж пшахъуэщ1 я бын?!»

Блэк1а зэман и тхыгъэр икъук1э бзаджэщ,
Гукъеуэ, нэщхъеягъуэк1э гъэнщ1ащ.
Зы хъыбарыжь пылъэлъурэ уз бзаджэ
Л1эщ1ыгъуэ тхъуахэм дэ къытхуахэьэсащ...

***

Hosted by uCoz