Лъэ1у

Уи ужьым диту дышэ, Алыхь лъап1э,
Дытету уи гъугу захуэ муслъымэн,
Хуэдмыгъэт1ылъу ди щхьэ къару къарэм,
Тщымыгъупщэну лъап1эу ди Къур1эн.

Дыздэщтэ, нытк1элъыджэ, Уэ ди Тхьэшхуэ,
Дыхъуми дыкъегъэл делэжьу хъуам,
Зыщыгъупщам дин пэжыр, псом нэхъ захуэр,
Гъуэщауэ хэтым мы Дуней щ1эпхъуам.

Бегъымбар нэпц1, солъа1уэ, дыщыхъумэ,
Пц1ыупсхэм, хьилэшыхэм, 1уэху ящ1ау
Я плъыфэ ящ1ыу хуэдэ л1ышхуэ хъунум
Хабзэншэ нэпэншагъэм зигу етам.

Солъа1у нэхъ спэжыжьэ пщ1ын хъуэпсап1э
Гупсысэр на1уэ сщ1ын, сыущиен,
Гуф1эгъуэ къызэптыну сэ солъа1уэ –
Гугъу сехьми къэмынэу сытек1уэн.

Солъэ1у, къару къызэт ц1ыху сыхуэщхьэпэу,
Насып къызэт 1уэхуф1хэр зэф1эзгъэк1ыу,
Жэнэтым илъу хъугъу-ф1ыгъуэ бгъуэтым
А зырщ сэ сыпсэуарэт щ1ыжыс1энур.

Щ1ы сабэм уэ дэ псор дыкъыхэпщ1ык1ырт,
Аргуэру сабэ псори дыхъужынщ.
Гуэныхь сщумыщ1, аргуэру сынолъэ1ур,
Долъэ1ур псори, къытхуэгъэгъу, Алыхь.

***

Hosted by uCoz