Сыт хуэдэ архъуанэ урихьэрэт лъэпкъ?

Сыт хуэдэ архъуанэ урихьэрэт лъэпкъ,
Сыт дыгъэ ущыужьыхыжыну,
Уафэгу умылъагъуу и къуагъ хэт укъуэт,
Къэк1уэнуми хэт ухъужыну?

Уи бгыщхьэ зэхуакум дэтын сыт уэрэд,
Сыт хуэдэ таурыхъ щыжа1энур,
Къэк1уэнум ди мэз, ди ауз и жэнэт
Хэт щызыгъэщ1эращ1энур???

Сыт щхьэк1э пщыгъупщэра пасэм жа1ар,
Хабзэжь уепагэк1ыу бутэу.
Сыт щхьа ди адэжь кхъащхьэ яутэу щ1эхъуар,
Хуэфащэ я щ1ыхьыр хаутэм?!

Си лъэпкъ, зыкъэщ1эж, зыкъэщ1эж, сынолъэ1у,
Блэк1ам зы дэкъикъэк1э хэплъэ,
Адыгэ хъуэпсап1эр къэплъагъутэмэ уэ
Псэк1уэд уэ ухъунк1эрэ хэлъкъэ.

Ухъуащ къэбджэдыхьу факъырэ нэхъей,
Пщыл1 хьэли пхэлъын ухуэхейкъым,
И купщ1эм ухэплъэм, зэрыхъур, ахьей,
Ухуэдэщ гущ1эгъу зыхуащ1 гуэрым.

Уэракъым, гъуэгу к1ыхьыр зык1уауэ си лъэпкъ,
Щытар Кавказ къуршым щыгъуагъуэу.
Апхуэдэу къэнакъым адыгэу си лъэпкъ,
Зэрыжи1эу щытам 1уэры1уатэм.

Уэ уигук1э ухамэщ, уи плъыфэр адыгэщ,
Щымыщыр уи пкъыгъуэм хияуэ,
Зэзакъуэ, нэхъ мыхъуми, уи купщ1эм еплъыж
Пэжыгъэк1э нэр зэтехауэ...

Абы сегупсысмэ, 1эпкълъэпкъыр мэуз,
Тэмакъым ф1энащи сетхьэлэр...
Си нэпс къелъэлъэхым къегъанэ лъэужь,
Блэк1ам псыежэхыу холъадэр

Сыт хуэдэ архъуанэ урихьэрэт лъэпкъ?
Сыт хуэдэ архъуанэ урихьэрэт лъэпкъ,
Сыт дыгъэ ущыужьыхыжыну,
Уафэгу умылъагъуу и къуагъ хэт укъуэт,

***

Hosted by uCoz