Хэгъэгъуазэ

Къурш лъэгап1эхэм уафэр щ1агъакъуэу зэблагъэ хъужауэ,
Гузэвэгъуэ зэпытым хэмык1ыу жьы щ1ы1эр щызепщэм.
Дыгъэ бзийм пэлыдыжу къуршыщхьэр абы хыхьэжауэ
Щигъэнэхум щ1ы дахэ Дуней зэпылъып1эм къытелъыр.
Къибыргъук1ыу я гъащ1эр щек1уэк1 псы ежэххэм,
Я щытык1эм, зыщ1ык1эм адыгэм и щэн къигэлъагъуэу,
Напэмрэ л1ыгъэмрэ лъэпкъым и купщ1эу щек1уэк1ым,
Гъэпц1эныгъи пщыл1 хьэли зыхэлъыр щымыхъум ялъагъуи
Дыщопсэу дэ абы ди бгы къабзэхэм 1эпл1э етшэк1ыу,
Дуней вагъуэ дэхагъэм и теплъэмрэ дэрэ ди 1уэхур зы хъуауэ.
Ф1ыуэ тлъагъу ди Кавказым, зи бын хуитыныгъэ хилъхуэну зэф1эк1ым
Щилъэгъуащ куэдык1ей тхыдэ хъуам, мыхьэнэншэр зи гъащ1эм.

***

Hosted by uCoz