Гум илъыр

Сэлам, зи щхьэ тхъуа ди къурш лъагэ,
Сэлам, зи щхьэ тхъуа ди Кавказ.
Л1эщ1ыгъуэм хия уи гъунапкъэр
Сигу къэк1ыу мыувы1эу щытащ.

Щ1ы жыжьэм, щ1ы хамэм сыщы1эу
Пшахъуэщ1ым сыщы1э нэхъей,
Ухэтт сыгузавэм си пщ1ыхьым,
Бгъэгуф1эт уэ сигу къуэш нэхъей.

Иджыри гузавэр зэгуэрым
Блэ ф1ыц1эу сэ си псэм къипщхьам,
Гупсысэк1э сык1уэт бгы гуэрым,
Уи дахэ ар хуэдэт слъэгъуам.

Къудамэ бгы пц1анэм щыгъуауэ
Сэ си бзэм сыщ1эгъуу сыхъуам,
Адыгэ уэрэд и мэкъамэщ
Абы щыгъуэ псы папщ1эу си1ар.

Си гъащ1эми сыт къыщымыхъуми,
Нэсып е гукъеуэ къэк1уам,
Ухэтт ущыкъуалъэу си лъынтхуэм,
Зи гъащ1э сыхэтри уэрат

***

Hosted by uCoz