Сыт щхьа?

Сыт щхьа, Алыхь, ущыт апхуэдэу пхъашэу,
Апхуэдэ хущытык1э къэдлэжьа?
Зэхуагъэ т1эк1у, нэхъ мыхъуми 1эбжьыб мащ1э,
Си Хэкум хуебдзыхыну къыилэжьат!

Уи пащхьэ дыщыкъуаншэу щыту п1эрэ
Уэ нэхъ нэхъыф1у дэ зэрытлъэгъуар,
Ди щ1асэу Лъахэр, ар гугъуехь зэгуэрым
Хэхуамэ гъащ1э ттыф зэрыщытар?!

Хьэмэрэ къуаншэу п1эрэ хуитыныгъэр,
Къуршыпсым хуэдэу къабзэу щытыгъар,
Ди лъынтхуэм зэрыхэтыр Тхьэ пэлъытэу,
Абы иужь адыгэр зэритар?

Абдеж, адыгэ лъэпкъым уепагэжу,
И хьэл пхузэф1эмык1у зэхинын,
Щ1ыналъэм къытепчаура щыгъуэжу,
Гукъеуэм хэту папщ1э ар псэун?

Сыт хъун, ят1агъуэм дыкъыхэпхри
Дыпщ1ащ, унафэри ууейщ,
Е узыхуейуэ дыщ1 уэ псы къытщ1эк1и,
Кхъуэщыну дыпкъутэжми ухуэхейщ.

***

Hosted by uCoz